group-telegram.com/astemrism/1397
Last Update:
Дыгъэгъазэ — адыгэхэм дауэдапщэ зыращIэкI махуэщIхэм ящыщщ, зытехуэр дыгъэгъазэ мазэм и 21-22 махуэхэрщ. А махуэхэм жэщ нэхъ кӀыхь дыдэр къыттохъуэри, нэху къекIмэ дыгъэм зыкъытхуигъэзэжын щIедзэр, махуэхэр нэхъ кIых, нэхъ дыгъапсэ мэхъуж.
КъэкIыгъэр къэзыгъэIэсэ, губгъуэм, гъавэм щыгугъ лъэпкъым а махуэхэр дауэ умыгъэлъэпIэнрэ? Адыгэри аращ, Дыгъэгъазэ жэщым щхьэж и унэ пщӀантӀэм деж Хьэмкӏутӏей баш(къудамибл пытыу) ягъэдахэр. Къудамэ къэс шэхуэздыгъэхэр палъхьэри, башым и щхьэм кхъуей плъыжь пащIэж. Хьэблэу е къуажэу махуэщӀыр ирахтэмэ Хьэмкӏутӏей башым и хъуреягъым пхъакъуибл хаӀут.
Уэздыгъэ башым фӀэтхэр щӀэзыгъанэн хуейр бзылъхугъэ нэхъ щӀалэу унэм исыращ, абыжми бзылъхугъэм и напэр сыт щыгъуи дыгъэ къыкъуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ гъэзауэ щытын хуейщ. Бзылъхугъэ дэкӀуагъащӀэ унагъуэм имысмэ — пщащэ нэхъыщӀэ, махуэщӀыр хъулъхугъэзакъуэу ирагъэкӀуэкӀмэ уэздыгъэхэр щӀэзыгъанэр нэхъ щӀалэдыдэращ.
BY Astemr
Share with your friend now:
group-telegram.com/astemrism/1397