Telegram Group Search
Ныбжьэгъухэ, куэдрэ дызэрынывэлъэӀур, зэрызыныфхуэдгъазэр емыкӀу фымыщӀ. Фэращ дэӀэпыкъуэгъуууи, быдапӀэуи, хъумакӀуэуи диӀэр.
Ноби зыфхуэдгъэзэну дыхуейт. Куэдрэ жытӀащ, фэри къыддэфӀыгъащ ди бзэр дызэрыт лъэхъэнэм екӏун щӏимыдзэмэ, зэрыкӀуэдыжынур.А Ӏуэхугъуэм хэкӀыпӀэ къыхуагъуэтащ. Ди бзэр зэрыкӀуэдыжым къыхэкӏыу, Хэхэс адыгэхэм цӀыхугъэ зырагъэпэщри, нейрохъы яублащ. Иджы псори дэращ зи ӀэмыщӀэм илъыр.Махуэм сыхьэт ныкъуэ тевгъэкӀуадэмэ, псалъэухахэм феджэмэ, е къыват упщӏэхэм пэгъуэкӏ ефтымэ, хуабжьу ди бзэм фыдэӏэпыкъунущ.
Мазэм и кӏуэцӏым макъ куэд тыредгъэтхащ, ауэ иджыри нэхъыбэж дыхуейщ.Минищэм щӏигъу макъыу нейрохъыр хуэныкъуэщ, дэ иджыри и епщӏанэ ӏыхьэращ тыредгъэтхэфар.
Кхъыӏэ фымыщхьэхыу фыкъытхыхьэ, мы ӏэдакъэщӏэкӏыр зэбгырывгъэкӏ. Псоми лэжьыгъэ къыхуэдгъуэтыфынущ: псалъэухам хуейхэр къеджэфынущ, упщӏэхэм пэгъуэкӏ убгъуа ефтыфынущ, адрейхэм макъ тырагъэтхахэм щыуагъэ хэтхэр къыхэфхуфынущ.
Гупым фыхыхьи ди ӏуэхугъуэр къыддэфӏыгъ, ди бзэм зевгъэужь.
Дынывожьэр 🫶
https://www.group-telegram.com/+ile9fiH1gcUxOGE8
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
📔Хьэдзыгъуанэ – оса
📔Хугу – икра
📔Шынакъыкӏ – головастик
📔Гъэпса – готовый
📔Напӏэ – оболочка
📔Бзэджагъэ – хитрость/уловка
📔ЛантIэ – гибкий
📔Хахуэ – смелый
Апхуэдиз пӏалъэ тхылъ зэгъэзэхуэным ихьу сщӏакъым🥲
Напэкӏуэцӏ къэс сыхьэт ныкъуэ-сыхьэт пфӏехьыр...
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
📔Джэджьей – птенцы у курообразных птиц
📔Псыпцӏэ – водоём/болото
📔Ижьыгу – пустыня
📔Бланэ – сильный
📔Хахуэ – смелый
📔Къабзий – перо
📔Гъуанэ-пщӏанэ – пористый
Forwarded from О
Т1эк1у сыхэплъащ мы ятхымрэ, къыщек1уэк1ымрэ. Гу1эгъуэщ фищытык1эри, фи гупсысэк1эри. Фщ1эр ик1эм нэсу къывгуры1уэжу сигугъэкъым. Дэнэми зыщ1ып1эк1э дывгъажэ жыхуи1эм ещхьщ. Фыжэ! Гъуэгу махуэ!
Къытхуамытх щыӏэкъым :)
Ди хейтерхэми епэрхэм хуэдэу къэушын щӏадзащ 🌷
Хуэмурэ тхылъыр доухуэр🙃
Зыгуэрым махуэхэр нэхъ кӏыхь ищӏыфатэмэ, псапэ къихьынут ...
Forwarded from Idk (Astemir)
я чуть посиживал и слегка, любительски, наощупь перевел аврелия

Пщэдджыжьк1э уи щхьэ жеп1ыжын хуейщ: «Нобэ ц1ыху к1эрыхъыжьэрейм, ф1ыщ1эншэм, тэмакък1эщ1ым, бзаджэнаджэм, фыгъуэнэдым, мызэгъым сап1эщ1эувэну къыспэщылъщ. А хьэлщэнхэр къызыхэк1ыр ф1ырэ 1ейрэ зэрамыщ1эрщ. Сэращи, ф1ым и къежьап1э дахэмрэ, 1ейм и къежьап1э емык1умрэ зэрызыхэсщ1ык1ауэ, къэпц1а ц1ыхухэм я хьэлри зэхызощ1ык1. Ахэр сэ къызэрызгухьэр лъык1экъым, къызыхэк1а унагъуэмк1экъым, ат1э тхьэм и мурад лъап1эмк1эщ, акъылымк1эщ. Абы я зэраным сэ си щ1эныгъэмк1э сащыхъумык1ащ. Си напэр щытек1ыфын 1уэхугъуэ ахэм сыхапщэфынукъым. Ауэ благъэм уи губжьри тепкъутэ хъунукъым, уа1уплъэнри къэбгъанэну езэгъкъым. Дэ дыкъыщ1эгъэщ1ар зэщ1ыгъу лэжьыгъэрщ, 1эхэмрэ лъакъуэхэмрэ хуэдэу, нап1эхэм, жьэпкъыщхьэмрэ жьэпкъщ1агъымрэ пэлъытэу. Аращи зыр зым дып1эщ1эувэжыныр ди къежьап1эм езэгъкъым, а ц1ыхухэм уахузэгуэпу щытми, пэ1эщ1э захуэпщ1ми - уапэщ1эувауэ къик1ыуэ аращ".

скину и вам, чтобы знали чем заняться с утра
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Ныбжьэгъухэ , мы махуэр зыгъэлъапӏэ дэтхэнэми дынывохъуэхъур. Дэ быдэу ди фIэщ мэхъу ИлъэсыщIэ къихьам дызыхуэплъэ псори къызэрыдэхъулIэнур, ди гуащӏагъэ зэхэлъкIэ фIыуэ тлъагъу ди адыгэ лъэпкъыр нэхъри нэхъ лъэщ икIи дахэ зэрытщIыфынур. Дызэгъусэмэ сытри тхулъэкӏынущ, ди бзэмрэ ди лъэпкъымрэ быдапӏэ дахуэхъунущ🌸
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
📔Шылащхьэ – кокон
📔Шылэ Iуданэ – шёлковая нить
📔Iэпс – чашка
📔Шхэпс – клей
📔Унэрыс – одомашненный
📔Щыгъыныхь – гусенница
📔ФэцIынэ – куколка насекомого
Ныбжьэгъухэ. Нобэ нэтын зэддзэкIти, псалъэщIэ дыхуей хъуащ. Куэдым ящIэр Iэгъэбэгъухэм "споры" жыхуиIэхэр зэраIэр. Ауэ а спорэхэр жылэм зыкIи ещхьыркъым, ахэр зыхэвмыгъэзэрыхь.
Абы къыхэкIыу "Iэгъэбэгу жылэ" жыпIэ хъунукъым. Арати дегупсысыурэ псалъитIым деж дыкъэувыIащ.
"Шэхуарзэ"/"Псэсабэ".

📗"Шэхуарзэ" жыхуиIэм и къежьапIэм дытепсэлъыхьынщ. ЗанщIу жыдоIэр, ди гупым елэжьхэр цIыхум и узыншагъэм епхащ, икIи ди гупыр гъащIэм теухуащ. Аращи бгъэпщкIун хумейхэр дгъэпщкIунукъым.  Иджыпсту куэдым яфIэфI мыхъун ттхынущи, фыгущабэмэ фемыджэну дыныволъэIур.
Пытщэнщи, мы псалъэр IыхитIу зэхэтщ.

– Шэ (шэжыгъэкӏэ – яйцеклетка, шэкIуэртIэ – семя). Абы къызэрыхэкIкIэ, гъащIэ куэд мыщIу къэхъунум ар епхауэ къыдолъытэр.
– Хуарзэ (хуэрзэн – парить).
Абы къыхэкIыу, шыхуарзэм "къэзылъэтыхь гъащIэ" жиIэу аращ (парящая будущая жизнь).

📗ЕтIуанэ псалъэр  – "Псэсабэ".
Мыр зэпкъырыдмыхыми, къикIыр къывгурыIуэну къыдолъытэр.
– Псэ + сабэ (жизнь в виде пыли).

Фэ дэра нэхъ фигу ирихьыр. Нобэрэ пщэдейрэ къэфтх пэгъуэкIхэм елъытауэ а тIум щыщу зыгуэр къыхэтхынущ:))

Щыуагъэ ди псалъэхэм хэтымэ, кхъыӏэ, жыфӏэ
Сыт хуэдэ псалъэ нэхъ уигу ирихьыр?
Final Results
52%
Шэхуарзэ
48%
Псэсабэ
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
#ДиНыбжьэгъухэр
Нобэ щыщӏэдзауэ, ди напэкӏуэцӏым рубрикэщӏэ къитлъхьэнущи, фи гупсысэхэр жыфӏэну дыныволъэӏур!)
Нобэ ди нэтыныр къигъэӏуащ Гъуэгунокъуэ Елизаветэ.
Елизаветэ хуэду псори щытамэ, ди бзэри, ди Хабзэри зыми ӏэщӏыб ищӏынутэкъым💯

Елизаветэ и дамэм дыкӏэщӏэту хэкурыс адыгэхэм Адыгэ нейрохъыр доублэр. Ди макъхэр тырыдогъатхэр, нейрохъым дыдоуэршэрыр, ди щӏэблэм я къэкӏуэнур худоухуэр♾️
Фэри а ӏуэхугъуэфӏым фыхэмыкӏыжу ди бзэм фыдэӏэпыкъуну фыхуеймэ, комментарийхэм фыкӏыщӏэтхи, къызэрагъэблагъэ техьэпӏэ фэттынщ)
Ныбжьэгъухэ!
"Дызэкъуэтмэ дылъэщщ" жыхуиӏэ гупым фыхэтауэ фыкъыхидзыжамэ, кхъыӏэ, фыкъыхыхьэж
Телеграммым и щхьэр йожьэр

https://www.group-telegram.com/+ile9fiH1gcUxOGE8
🌳 Щӏыуэпс гуп 🌳 pinned «Ныбжьэгъухэ! "Дызэкъуэтмэ дылъэщщ" жыхуиӏэ гупым фыхэтауэ фыкъыхидзыжамэ, кхъыӏэ, фыкъыхыхьэж Телеграммым и щхьэр йожьэр https://www.group-telegram.com/+ile9fiH1gcUxOGE8»
🌳 Щӏыуэпс гуп 🌳
📔Шылащхьэ – кокон 📔Шылэ Iуданэ – шёлковая нить 📔Iэпс – чашка 📔Шхэпс – клей 📔Унэрыс – одомашненный 📔Щыгъыныхь – гусенница 📔ФэцIынэ – куколка насекомого
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
😍😍😍

Нэтыныр: https://www.instagram.com/rabias_world1?igsh=NGRrd3E2amVha2px **

** Meta Platforms Inc гупымрэ абы и лъабжьэм кӏыщӏэт Instagram, Facebook жыхуиӏэхэмрэ Урысей хэгъэгум экстремист цӏэ фӏищащи, Урысей Федерацэм ахэр щылажьэ хъунукъым.
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
☄️ Си лъэпкъэгъухэ, адыгэбзэкIэ тхылъ щIэщыгъуэ фыхуеймэ, си тхылъ «УЭСРЭ НЭСРЭ» жыхуиIэм и щIэтхэныр (предзаказыр) доублэ!
Мыр ди литературэм хэмытауэ фэнтези жанрым иту тхащ. «НАРТАРХЭР» зыфIэсща романым и япэ Iыхьэщ. Сурэтхэр Сэралъп Мадинэ ищIащ, дизайным елэжьар Щоджэн Жаннэщ. Ини цIыкIуи еджэ хъуну зэхэлъхьащ. (12+) И инагъыр – А5, жинтыр быдэщ, напэкIуэцI бжыгъэр 100 мэхъу.
Ди библиотекэхэм папщIэ тхылъыр накъыгъэ мазэм къыдэкIынущи, иджыпсту и уасэр къэзытхэм я бжыгъэм тещIыхьауэ тиражыр дгъэпсынурэ, псоми тхылъыр «Адыгэ унэм» деж къыщыфIэрыхьэжынущ.
И уасэр сом 1.000
⚡️ ЩIэтхэныр (предзаказыр) зыублэ цIыху тIощIым (первым 20-ти заказчикам) тыгъэ дахэ цIыкIухэр фэттынущ.

Сбербанк онлайнкIэ +7 928 694-74-69 тхылъым и уасэр къевгъэхьи, мы номер дыдэмкIэ ватсапым фи цIэ-унэцIэр къэфтх.

Москва, нэгъуэщI къалэ дэсхэм тхылъыр ныфIэрагъэхьэфынущ.

Къаныкъуэ Заринэ
Канукова Зарина Саадуловна
Please open Telegram to view this post
VIEW IN TELEGRAM
Audio
«Щӏы къатиблым»
мыр VI еханэ ӏыхьэращ
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
📔Лъэщыджэныгъэ – беременность
📔Зэрыхьэныгъэ пIалъэ – сезон размножения
📔Хэдэныгъэ къафэ – брачные игры
📔МыIэкIуэлъакIуэ – неуклюжий
📔Хъушэн – эмбрион
2025/03/27 03:39:16
Back to Top
HTML Embed Code: