group-telegram.com/circassianren/8205
Last Update:
Адыгэхэм ди псалъэжь цlэрыlуэ : "Делэм уэ фlэкl, губзыгъэр езыр къыпфlэкlынщ"- жыхуиlэр къызытехъукlыжар мы хъыбарыращ.
Адыгэпщ ябгэ гуэр, зэгуэрым губгъуэм щепсыхауэ, и шу гупым щlыгъуу, ефэешхэу щыст. Плъэри, жыжьэу зы шу блэкlыу къилъэгъуащ. А зэманым шу закъуэу къэзыкlухьыфыр, зи закъуэ гъуэгу теувэфыр зырызыххэти, пщыр щlэупщlащ:
— Хэту пlэрэ мо шу закъуэу къежьар? — жиlэри.
Унафэ ищlри, и шу гъусэхэм ящыщ зы щlигъэупщlащ.
— А шур Къэзэнокъуэ Жэбагъыщ, — къыщыжраlэм, псынщlэу кърагъэблэгъэну аргуэру унафэ ищlащ пщы ябгэм. Шууитl кlэлъыжэри, абы кърагъэгъэзащ, кърагъэблэгъащ. Къэзэнокъуэр, къыщысым, гупым сэлам къарихри, пщым бгъэдыхьащ. Ар игъэтlысри, пщыр щlэупщlащ:
— Уа, Къэзэнокъуэ Жэбагъы, уэ уи закъуэ умышынэу дауэ къэпкlухьрэ? Къыпфlэнэфынрэ къозэуэфынрэ щымыlэу плъытэрэ? Сэри сыпщымыхьэфыну къыпфlэщlрэ?
Къэзэнокъуэм, и пащlэкlэм щlэдыхьэшхыкlри, жэуап къритащ:
— Цlыху делэ сыхуэзэмэ, сэ сыфlокl, губзыгъэ къысхуэзэмэ, езыр къысфlокl. Ауэ щыхъукlэ, lуэхум зэфlэнэ къыхэкlыркъым.
BY Черкесский Ренессанс
Warning: Undefined variable $i in /var/www/group-telegram/post.php on line 260
Share with your friend now:
group-telegram.com/circassianren/8205