Джэгужь апщий!
Щӏышылэм и 10-м Джылэхъстэней, Тэрч къалэ сыхьэтыр 18:00-м дыщыджэгунущ.
Фыкъеблагъэ!
____________
#Джэгу #Тэрч #къафэ #Джылэхъстэней #дыджэгунущ

This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Джылэхъстэнеишхуэ дыщыджэгуауэ Къэбэрдеишхуэ дохьэж.
Джылэхъстэней уей-уей!
Джылэхъстэней уей-уей!
Forwarded from Djarez Club
Джэгужь апщий!
«Хабзэр фIымэ бзыпхъэфIи трах» жаIэ. Ар къыщIигъэбыдэу апхуэдэщ дыгъуасэ Джылэхъстэней щекIуэкIа джэгур. Джылэхъстэнейхэм «адыгэ щIалэгъуалэм Налщыч щызэхэфшэ джэгур ди хъуэпсапIэщи, фыкъытхуеблагъэрэ дывгъэджэгуамэ арат» щыжаIэм, къалэдэс щIалэгъуалэр зэрыугъуейри Тэрчкъалэ ехащ. Ди жылащхьэ къэс дыгъуэпшыхьрейм и мынэхъыкIэу джэгу зэхашэфын хуэдизу ужьыгъуэ Тхьэм дригъахуэ. Мы IуэхуфIым жыпкIэ, пщIантIэпскIэ, гупсысэкIэ хэпшына дэтхэнэри Тхьэм иузэщI.
ДыкъэщIэмыфэн, дыщIэмыджэгун щхьэусыгъуэ жылэкIэ Тхьэм къыдимыт.

Ди лъэпкъэгъухэ, етӏэнэгъэ пӏалъэ фӏыкӏэ фыныс!
Нобэ гъэм ипэ махуэщ, шэджагъуэ нэужьым (21.03-м, сыхьэтыр 12 нэужьым) адыгэ гъэрыгъэпсымкӏэ гъэрэ щӏырэ зэхэкӏащ. Гъэр текӏуащ, уэгур зэщӏопсэ, щӏыгур мэбауэ.
Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ, лъэпкъыщхьэкӏэ дыбагъуэу, цӏыхущхьэкӏэ дыхэхъуэу, мэшрэ гъэшрэ дыщымыщӏэу, ди щӏэблэр узыншэрэ щӏэныгъэм хуэпабгъэу дыщыӏэну долъаӏуэ, дохъуахъуэ!
Нобэ гъэм ипэ махуэщ, шэджагъуэ нэужьым (21.03-м, сыхьэтыр 12 нэужьым) адыгэ гъэрыгъэпсымкӏэ гъэрэ щӏырэ зэхэкӏащ. Гъэр текӏуащ, уэгур зэщӏопсэ, щӏыгур мэбауэ.
Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ, лъэпкъыщхьэкӏэ дыбагъуэу, цӏыхущхьэкӏэ дыхэхъуэу, мэшрэ гъэшрэ дыщымыщӏэу, ди щӏэблэр узыншэрэ щӏэныгъэм хуэпабгъэу дыщыӏэну долъаӏуэ, дохъуахъуэ!
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Джэгукӏэ иримыкъуа щӏалэгъуалэм Джэгуцӏыкӏукӏэ къыпащэр
Forwarded from Djarez Club
Нобэ адыгэм ди ныпгъэфIэжщ!
УэщIыр щыIэху ди ныпымрэ лъэпкъымрэ зэщIыгъурэ зэдэщIу щыIэну дохъуахъуэ!
УэщIыр щыIэху ди ныпымрэ лъэпкъымрэ зэщIыгъурэ зэдэщIу щыIэну дохъуахъуэ!
Forwarded from Djarez Club
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Адыгэ ныпыр мэпсалъэ, мэхасэри мэхабзэ!
СыщхъуантIэурэ, Адыгэ Хэкужьым сринэщэнэщ!
СыщхъуантIагъэмэ, гъащIэм, гъатхэм, щIалэгъуэм, бэгъуэным сыхуонэщэнэ.
Бжыгъэ гъэнэхуаурэ "ПЩЫКIУТIЫР" Iэпкълъэпкъ зэкIуж узыншэм и нэщэнэщ.
Си вагъуэ пщыкIутIырщи, АДЫГЭ ЛЪЭПКЪЫЩХЬЭР зэдэурэ зэкIужу щыIэным и нэщэнэщ.
Хабзэгъэнэхуаурэ си "ЩЫ"-рамэ, уэщIым и мафIэ жылэм, жьы жылэм, псы жылэм я нэщэнэщ.
Шабзэмэ - адыгэ лIыхъущхьэм и нэщэнэфIщи,
Си шабзэшищыр хуитыныгъэм, захуагъэм, щыпкъагъэм я нэщэнэщ.
Дыщэурэ си дыщафэзэрылэр дыгъэм, нэхугъэм, лъэщыгъэм я пкъыдэщI-фэдэщIи.